Си псэ къабзэм къыбгъэдэк1ыу...

Роза Агоева
Си псэ къабзэм къыбгъэдэк1ыу узох сэлам гуапэ,


Си Шэджэм,си къуажэ лъап1э,сэ сиек1уэл1ап1э!


Дэнэ щ1ып1э сымык1уами,уэр нэхъыф1 згъуэтынкъым,


Уи дахагъэм гъащ1э псок1э зыщызгъэнщ1ыфынкъым!



Си щ1ыналъэ,илъэс т1ощ1к1э сыщ1элъащ уи бгъафэм,


Илъэс т1ощ1к1э себгъэфащ уэ Шэджэмыпс сыбгъаф1эу!


Хамэ щ1ып1эм сыщыпсэуми,си псэм уимыбгынэ,


Къэбэрдей-Балъкъэр щ1ыналъэ дахэ,сурибынщ сэ!