пер. с рус. на каб. яз. Н. Скрёбов

Роза Агоева
Дунейм тыгъэ щаугуэшым щыгъуэ,
Нэпсеягъэ къысхалъхьакъым щыуэу.
Сызыхуейр сэ мащ1эщ.Куэд сыхуейкъым.
Узыншагъэ?Зэк1э сыхуейдейкъым.*

Лъагъуныгъэ?Сыщытат сырикъуу-
Иримыкъуныгъэм сыхъуащ и къуэ.
Къулеягъэ?Хэт сызэпеуэнур?
Мылъкур си лэжьыгъэм къытек1уэну?

Къыспэрыуэу щытми ныкъусаныгъэ,
Сыщыщ1акъым сэ ехъул1эныгъэ.
Ауи сэ зы нэпсеягъэ си1эщ-
Яхузощ1 гущ1эгъу гукъеуэ зи1эм:

Сф1эгуэныхьщ ц1ыхубзхэр,сабий ц1ык1ухэр,
Л1ыжь-фызыжь тхьэмыщк1э зи лъэ мык1уэр.
Сф1эгуэныхьщ,зимы1эу хъуар унагъуэ,
Теувауэ хъуар къулейсыз лъагъуэм.

Си гугъакъым апхуэдизу куэду
Дунеишхуэм тетыр сф1эпсэк1уэду.
Сигу хагъэщ1 абыхэм-сагъэдзыхэ,
Ауэ си щхьэ ф1ызох гущ1эгъу 1ыхьэ.
        *сыгукъыдэжыншэкъым