Перевод с рус. на каб. яз. Н. Скрёбов

Роза Агоева
Уи щ1ыб хуэбгъазэрэ уи лъахэм,
Къэхъу хъумэ гъуэгу утеувэн,
Я плъэк1эм зи нэ къыптенахэм
И уасэр ***йщ къыбгуры1уэн.

Уэ уи щытык1и,уи щыгъыни
Абыхэм зик1 къаф1эмы1уэху.
Хъунщ къыщ1эк1ынк1э къыпщыгугъыу
Фызэхуэхъуну фэ псалъэгъу.

***й хъунщ зэгуэрк1э ,уахуэгуф1эу,
Е уеупщ1ын,е уелъэ1ун,
Е ущыблэк1к1э,унащхъыф1эу,
Зэ закъуэ уакъыхуеплъэк1ын.

Ит1ани адэк1э, уп1ащ1эу,
Блэптхъунщ,къыбгурымы1уэу зы:
Уи дамэм лъэ1эсащ гумащ1эу
Къэхъукъащ1эр,хъуауэ арэзы.