На каб. яз. Как небо и земля неразделимы...

Роза Агоева
Щ1ымыгъуу слъагъукъым Къэбэрдейм Балъкъэрыр,
Зэщхь куэд яхэлъщ лъэпкъит1ым я псэуафэм.
Шэч къытефхьамэ вжес1эм зы маскъалк1э,
Флъэгъуауэ къыщ1эк1ынщ щ1ылъэншэу уафэр.

Хэк1ауэ и псэр ц1ыхур псэуфыну?
Нэхуншэу ук1уэфыну уи хъуэпсап1эм?
Имычэзууэ жьыр къебгъэпщэфыну,
Е гъащ1э псок1э уитыфыну плъап1эм?

Хуэдабзэу а лъэпкъит1ыр зэмыгъусэу,
Зэгурымы1уэу сф1эф1къым зы дакъикъэ.
Сэ сыадыгэщ,ауэ сахуоусэ
Балъкэрхэм нобэ-зы щ1ыналъэщ ди1эр!