ЖыIэ

Абубакир Жемухов
Псыр зэпыпчым унэсыну щыхьэрыбгъум къуажэ щысщ,
ФырикIуакъэ зэикI «хъыринэм»,   абы псынщIэу унегъэс?!
А жылагъуэр зи инагъым мыжумарту дэсыр мащIэщ,
Я гур Iэнэу зэIухащи сыт уагъэшхми уи гум нос!

Ныш схуаукIыу, пэж жысIэнщи, махуэ къэскIэ саIэтакъым,
Ауэ Iэнэр мыбэвами я гур сэркIэ   чэщейщыкъут!
Гурэ-гурэ зэрымыщIэм, ахэм дауэ сыкъащIа?
Iэдэбагъыр тепщэ сщIыурэ, сыту куэдым седэIуа!

ПсорикI ПащIэм ещхь мыхъуами,
Нартандэсхэр куэдым хуэфIщ,
Яжьэр IэкIэ щIалъхьа хуэдэщ,
ФIыуэ удаIуэм хъун зыхох!

Зэ ди жагьуэ зэрымыщIу
Нартан куэдым садефащ…
Сэ Бэчмырзэ сыбгъэдэсу
Сытым дежи къысфIэщIащ.

Бегъымбарым идэт жаIэ,
ЩIумыгъэгъум уефэ хъуну?
Зэзэмызэ чэф дыхъуами,
И кIэр дахэу иухащ!

Ар зи фIыщIэр ПащIэ и къуэрт,
Къамэр фащэу зезыхьам.
Псалъэ Iущхэр бзэм яхипщэу,
ДаIуэу – цIыхухэр зыгъэсам!

Мы дунейр гува – щIэхами,
Мэкъу тIысауэ зэтес зэ хъунщ,
Хэт дапхуэдэу мыкъуейщIэми,
Псалъэм! – цIыхухэр фIым ***щэнщ.