***

Абубакир Жемухов
                И. деж
Мазэгъуэ жэщ дахэм уи пщIыхь сыкъыхэхуэм,
Уэ укъэушу уи жейр умыкъутэ,
ШхыIэн цIыкIур хуабэу зэтепIи,
Жей IэфIыр кIуэхукIэ уи пщIыхь сыхэгъэт.
СощIэр си тIасэ лъыхъу куэд узэриIэр,
Ахэм уэ лейуэ уахуемыплъэкI.
Сэращ Тхьэ лапIэм псэуэгъуу къуитари,
НэхулъэфI укъекIым, си кIэныр къигъэкI.
Махуэ шэджагъуэу уи нэгум сыщIэхуэм,
Уи нэ дахитIыр умыгъэутъуэ,
Дунейм темыт зыпэсщI уи нэбгъузыр,
Iуащхьэ хуэдизу си гур хегъахъуэ!
КIэгъуасэ мыщIу дунейм сытеткъым,
Iыхьлы-Iэулэдым сырагьэфIэнщ,
Ныбжьэгъуу сиIэм а псэм сыхуахьри,
"Ерэхъур" – къызжеIи, укъапхъуэтэнщ.