Жьы

Зураб Афаунов
Согъэзэж си хэкум сыхуэгуфlэу,
Къыспежьауэ жыжьэу ар солъагъу,
Хэхэсыныр гум темыхуэу, къытрикъуэзэу,
Согъэзэжыр пщlантlэ сыщалъхуам!

Согъэзэжыр псори хыфlэздзауэ,
Хы куужьым щlилъэфа нэхъей,
Къару схэлъу хъуар зыхуэсхьэсауэ,
Жьы къысфlэщlу Хэкум сыдосей!

Жьы зыхуримыкъум сыт и махуэ?
Гъащlэр къыдэзытыр жьыр аращ,
Цlыхум жьыр хуэмыгъуэтыжу lэщlэкlамэ,
И гуи, и пкъи, и пси фlэкlуэдащ.