Уи сыным 1эпл1э изошэk1...

Сабран Йя Нафси
    Дунейм ехыжа си анэшхуэ дыщэ Абыkъу Фенэ и фэеплъу...
Псэр мэщт уи кхъащхьэм сыщхьэщыхьэм,анэшхуэ пасэу с1эщ1эk1а
гуkъеуэ маф1эм си псэр хэбдзэу
кхъэ лэгъунэр щхьэ хэщ1ап1э пщ1а?!
Уи сыным сызэрыбгъэдыхьэу
мыл щтауэ занщ1эу си гур мэж
-си нанэ,къызэпсалъэ кхъы1э,си щхьэфэм зэ 1э къыдэлъэж..
Сыпоплъэ щэхуу уи зы псалъэ,ауэ жэуап уэ къомытыж
маkъыншэу нэпсхэр еслъэщ1эk1ми,аргуэру ахэм kъагъэзэж...
Саубыдыр гъэру гуkъэk1ыжхэм,псэр ахэм kъысхуамыут1ыпщ..
Гум дырkъуэ телъым лъыпсыр пыжу kъыстощхьэ жэщыр,нэху согъэщ...
Гугъуехьыр,си псэ,уэ уи нат1эу хьэлэлу утетат дунейм
уи быныр сытk1и бгъэнэхъапэу ухуэлэжьат мы гъащ1э тk1ийм..
Адэншэ гъащ1эм и хьэзабыр,си нанэ,пасэу зэхэпщ1ат
угужьеяуэ,псэм сыпэпщ1у уи гъащ1эр щ1эпхьыри арат...
Ажалыр ди бжэм kъытоу1уэ,уэ узбгъэдех-kъызэмылъэ1у
упсэууэ усэ пхуэзмытхахэр гъыбзэ уэрэду пхузогъэ1у..
Си нанэ,си псэ,сынолъэ1ур,слъыгъэс иужьу уи гущ1эгъу
зыгуэрk1э уи гу и жагъуэ сщ1амэ си псалъэ дыджхэр kъысхуэгъэгъу..
Сигу упц1энам щ1ымахуэ жьыбгъэм уэс хужьу джэбын kъырешэk1
гуkъеуэ нэпсым псэр итхьэлэу уи сыным 1эпл1э изошэk1...<2007г.>