Алий

Абубакир Жемухов
КуутI ныкъуэщIу къэна блынджабэу
Сызыхуейм сынэмысурэ си гъащIэр кIуащ.
Зэм Iуащхьэмахуэу зэм Хьэрэкхъуэрэу,
Си мэхуитI зэхуэмыдэу щытащ.
Хэутэн сащIыну къызэнэхуахэм,
Езыхэм я щхьэм ер къырикIуащ,
Къыспэлъэщынут ахэр сэ сытми,
ЖаIауэ – ухеймэ улъэщщ!
ЛэгъымкIэ сея гъащIэ гъуэгум,
Фэбжъыншэу урикIуэныр Iущагъщ,
Ямылейуэ зыхэпшым,
Уи пэр щIым пхуэщихъуэнущ.
СыщIалэу ар къэзмыщIатэм,
Уардэу нобэ сыкъэсырэт,
СиIа ущиякIуэфIхэм,
Иджыри къызжаIам – сытетщ!
Дефолт нэужъым цIыхухэр,
Хьэ ддзакъэну щытащ,
Хьэм щырагъэхьым тетхэр,
СщIэу – губжь тегъэу сахуэхъуащ.
ЦIыхухэм гукъеуэу яIэр,
Соплъри ноби мелуанщ,
Лейуэ абы къатехьэм,
СлъмыкIыу къызегъащтэ – къалэм?!
Псалъэм нэхъ Iэщэ лъэщ,
Къытехъуакъым дунейм,
Куэдым сыщIызэхахыр аращ,
Фiыкъэ алийу укъалъхуам!