***

Абубакир Жемухов
Уафэм щIэгъуэлъхьау,
Мазэм пэплъэ благъуэу,
Уэ си гум укъихьау,
Сыножьэр дунейр пшагьуэу.
IулъхьэIыххэм мэкIэ къащIэ,
ДэнэкIэ хэт къикIынуми,
Лъагъуныгъэр сыту гуащIэ,
Сыножьэнущ, зэу сыбдзынуми.
Мазэр жэщым къыкъуэмыкIым,
Благьуэр щакIуэу ежьэжынущ,
Пщагъуэм уэ укъыхэмыкIым,
СигукIэ сыгъыу сыкIуэжынущ.
Уэ псалъитIым я щхьэ тесчу,
Нобэм къэсым зэхэпхакъым,
Уимыгугъэ узгъэкъуаншэу,
Сэ дунейм сытету пщIэркъым.
Благъуэм мазэр зэжьэдидзэм,
Дунейр занщIэу кIыфI къэхъунущ,
Ауэ ублэкIыу укъэслъагъум,
Си хъуреягъкIэ нэхутхьуэху хъунущ.
Уэ зыгуэр бжесIэну,
Нобэ сэ сыппэплъэркъым,
Си гъуэнэгъуу ублэкIыну,
СыщIобэгри сыбзыщIыркъым!
28.11.12