***

Абубакир Жемухов
Iыхьэ Iыхьэу щIы хъурейр,
Зигуэшам къыхуищIэ фIыгъуэр,
Уафэм щIоуэ уэздыгъейр,
ЩIыпIэ дахэщ - Къэбэрдейр!
Гъэми - щIыми Iуащхьэмахуэ,
Уэсыр телъщ темыкIыу,
Абы ещI къэгьуэтыгъуафIэ,
ФIыуэ тлъагъу ди Къэбэрдейр.
Дапхуэдиз къытхуэкIуэм хьэщIэу
ЯхудощI гулъутэ,
Ди деж зэ къуэкIуау щытам,
Щыгъупщэжкъым - Къэбэрдейр!
ЦIыхухэр фIыкIэ ди гу къэмыкIтэм,
Адэжь хэкур ди хьэрымт,
Дымыхъуатэм ещхь ди къуршхэм,
Жьы тIэкIу къепщэм, дыриудт.
Бгы зэхуакухэм къыщыткIухьурэ,
Жьы зэпихум десэжащ,
Гъусэ дащIу Iуащхьэм кIуахэм,
КъахэкIакъым щIегъуэжа.
Дэ абы къэру къытхелъхьэ,
ЦIыхуу нэхъри дыщытыну,
КъедмыхьэкIыу Iулъхьэ,
ЦIыхунагъэр лъагэ тщIыну.
Iуащхьэм сабэ къыщыхъейтэм,
Хужьу ар щытынтэкъым,
Ди гум Iей илъатэм,
БысымыфI дыхъунтэкъым!
Олимпиадэм Сочи щIидзэм,
КъытхурекIуэ хъэщIэ куэду,
Дэ ди Iэнэр зэи зэтекIкъым,
Ерыскъыр зэдохьэ хуабэу.
Къыгхуепсыхым, зыщI щхын хэдэ,
Аби и гум дыдыхьэнуш,
ХэдукIэну Олимпиадэм,
Уэс ядгъэщхыу гуэгуш ди бэщ!