***

Абубакир Жемухов
                З. деж
Жэщ пщIыхьэпIэу сыныпхуэкIуэм,
Ар телъыджэ кьыпщымыхъу.
ФIыуэ щыIэр мы дунейм,
КърикIуэн а Iуэхум ухъу!

Ауэ, жумыIэ къызжиIакъым,
Уи щхьэм илъу хъуар игъэху,
Къытебгъазэу уэ нэгъуэщI,
УемыпщIыхь цIыхухъу.

Сэ, алейуи жэщ къэсыху,
Уэ ухэт си пщIыхь,
Нэгум къакIуэм гуащэ дахэ,
Си щхьэр пIэм изох…

Мы дунейм цIыхухъуу тетыр,
КъысфIощI уи псэлъыхъу,
Ахэр къызэхъуапсэу,
Сэ уи щауэ сыхъу!