***

Абубакир Жемухов
Iым игъащIэм бжезмыIауэ,
ЛIэн-къэнэну ущыслъагьум
СыIутащ IэнатIэ мыгъуэ,
Сыхьэзыру псэр пхуэстыну!

Ауэ зэи уэ ухуеякъым,
Лейуэ гу сэ къыслъыптэну…
Сыщыгугът итIаникI фIым,
Си щхьэ «делэр» къэзгъэпцIэжу.

Зыт сэ щэхуурэ сызэщэр,
Зэ уи пщIыхьым сыхэхуэну,
Сыту жыпIэм уэ езыр,
Зэи ущIэкIтэкъым си нэгум.

Чэзу иIэт а зэманми
СимыгъапIэу сыкъелащ?!
ЦIыхум и фэр зэрыIуври,
Мис абдеж сэ хьэкъ сщыхъуащ!

Иджы сэ дадэжь сыхъуауэ
ГъащIэ гъуэгум сроплъэжри,
ФIыщIэ Тхьэм хузощIыр макъкIэ,
Зэгуэр уэ сыпхуигъэзащи!