Гуэзнэч

Абубакир Жемухов
Шы къызэдэжэнухэр щыздилъкIэ,
Естыну "круг" сыкъытыреч,
СызэрыкIа щыхупIэхэм,
Сэ пасэу сащIау щытащ бэшэч.
Гуэзнэчым* ситу сиIыгъыну,
Зы махуэ гъащIэм хузэфIэкIакъым,
Абы и гъуэгущхьэхэр щызэхэкIым,
Зэи щхьэрыуауэ сытетакъым!
Хэт щIым хъурейэ къекIуэкIынуми,
Къаблэмэ** ищIэу къызэдещтэ,
ГъашIэ гъуэгуанэм сэ шугъусэу,
Къызыдэсщтар адыгэ напэрщ.
Шы папщIэу сэ шубакъ*** сытесу,
Гъуэгуанэ кIыхьым сытехьакъым,
Нэрымылъагъуу – сщыгъыр сэ алъьтесу,
Ейуэ зы цIыхум ар ядакъым.
Адэ щIэину пэсэрейхэм,
Къысхуагъэнам сэ сыриджэгукъым,
Адыгэ псоми ар зареймкIэ,
Дауэну утыкум, лъэпкъ къихьакъым!
Уз зэрыцIалэу сиубыдауэ,
СызыIыгъ адыгэ х а б з э м,
ЦIыху къысхещIыкI куэд щIауэ,
Абы имыкIыгъуафIэ и гуэзнэчым!

*Гуэзнэч – плетень,
**Къаблэмэ – компас,
***Шубакъ – черепаха.