БыныфIэ

Абубакир Жемухов
ЛъэкIатэм щIалэм,
ДыщэкIэ силэнут,
ШащIауэ Франджым,
Сщыгыщ  - «къатыритI»*!
ЦIыху хъуну ар,
Сабийу щызгъасэм,
Ди псэр илъащ дэ тIум,
Зы чысэ.
КIыхьIей сымыщIу си хъыбарыр,
Къэхъуам шыгъуазэ фыхуэсщIынщ,
Ауэ хэмыкIуадэу си гугъуехьыр,
Си быным и хъер сигъолъэгъуащ.
Щхьэл мывэжьитIым я зэхуакум,
Гуэдз хьэдзэр дэхуэм зэхехьэжэ,
Си пщампIэр щиIыгъам дефолтым,
Къэслъхуау щытахэр сщIакъым фаджэ.
Сэ къэзлэжьауэ псым хэздзари,
Схуэхъуащ згъэщIагъуэу фIы тегъуатэ,
Мэпшынэ хъыджэбзитIри,
СыщамыгъащIэ - фэ ильхьэгъуэ.
Пасэу лъхуэн щызыгъэтахэм,
Нобэ я щхьэр фIаудыж,
ФIыгъуэ ягъуэтахэм,
Къамылъхуа я быну хъуар хоныж?
Хьэфизу** сэ сыкъэпсэуатэм,
Дуней ахъшэр сиIэт,
ЗдэмыкIуапхъэ ахэр згъакIуэу,
Нобэ сы ажэжьт…
Эфель и чэщэнэр,
СиIарэт азэн джапIэу,
У быныфIэну зэрыфIыр,
ЦIыхухэм къезгъэщIэнут!

*Къатыр - сапоги,
**Хьэфиз - слепой - скупой.