Тхьэм дыщихъумэ

Абубакир Жемухов
Зэтелъщ илъэсхэр блын къэуэну,
Щхьэщытщ псэхэхыр зи чэзум.
Зэхуос Iыхьлыхэр загъэбыдэу,
ХуэпIащIэу зызэфIелъхьэ ефэндым.
Саусэлэмэту* бзэхкъым дадэр,
Абы и гъащIэр кIуащ гъэпсау*,
ЖаIэнущ цIыхухэм ар Iэсау…
Жэнэт Iыхьлы Тхьэм ищI а дадэр,
Щамым щащIа и сэшхуэр къонэр.
Зи щхьэ фIихахэр къемыдауэм,
Жыхьэнымэ лъэмыжым ар щихынкъым.
Жэуап а лIыжьым зыритынум,
Псори и пащхьэм дихьэжынущ.
Абы блат-сват щымыIэу жаIэ,
Къэнахэм дызыхущIегъуэжын Тхьэм димыгъащIэ!

* Саусэлэмэту – бесследно.
** Гъэпса – определенно, конкретно.