Салам

Абубакир Жемухов
                1
Коррупционерхэм псоми «салам»!
Ныжэбэ жэщым жейм сезэгъакъым.
ЛIыукI къэвгъакIуэм и «фIэхъус сэламым»
Еспэсри псалъэ и пIэм икIакъым.
Абы и хьэдащхьэр къэвмыщтэжынум
Сэ катафалккIэ ныфхуэсшэжынущ,
СынэмыкIуэ щIыкIэ феплъых фи пэщхъыным,
Сэ  си IэштIымхэр абы тезгъэхуэнущ.
IейкIэ цIыху хейм хэт емынахуэми,
Мащэ къитIам езыр ихуэжынущ,
Сэ си анэшхуэм и адэр зыукIар,
Ует ТIутIэ и пIэм къригъэкIыу щытакъым.
Нэбэнэушэу пIэм хэлъа лIым,
ХъунщIакIуэр псэхэх хуэмыхъуауэ щытатэм,
Дунейм  гу щахуэну щытащ быниплIым,
Мамэшхуэ куэдрэ тепсэлъыхьт – штатым?!
Си насып къэкIуэнум пхъэрыгъажэ хуэхъуахэм,
ЗэрымыщIагъэкIэ зэман ягъэкIуэд,
Щызгъэтыжауэ Iулъхьэ къеIысхкъым,
Зэу пызмычами талантыр кIуэдт.
Езыр щихъ сыхъуауэ щыжысIэкIэ,
НэгъуэщIым сом зэрезмытынур хьэкъщ.
Сыдэфхуэну фыхуемыжьэ къуакIэ,
Фхуэзгъэгъуу щытым, сытхьэгъэпцIщ!
МурадыфIхэр сиIэу сыкъызэщоури,
Щхьэгъубжэм сыдэплъым – дунейр къыстоункIыфIэ,
Зэпыту укIуэ – «ТРУЖЕНИК»-ри,
Пропискэ схуэзмыщIхэм – зыкъысхуагъафIэ!
                2
ЦIыхухэм къыспажыхьу сыхъуа нэужькIэ,
Ахэр хьэIужажэуэ сахуейкъым,
Къалэн ящыпщIым ахэр епцIыжкIэрэ,
Уэхьи хъуам, фэфI къыптеуэнукъым.
Хьэмтетыгъуэм кIэ имыIэ зи гугъэхэм,
ГЪАТХЭУ!  – я гъащIэр яхьыну къафIощI,
Бжьыхьэ хъуауэ къыпыхуж жыг пщIащэхэм,
Ауэ уздеплъым, ухуэмейуэ игу хагъэщI.
Къулыкъу яIыгъауэ къыпыхуау щытахэм,
Зэу джэбын хужьыр къащытехьам,
IитIкIэ сэлам ирахт я къуэшхэм,
Бзэрабзэу  анэкъилъхухэм итт  я пащхьэм,
Хэт жьауитI къыздищтэми,
ЦIыхухэм ауан ящIынущ,
Уэшх къешхыу жьауэ кIапэ къыплъагъэсым,
Гууз-лыуз зэрыщыIэр къэпщIэнущ.