Иужьрей дерс

Абубакир Жемухов
Аргъеикъуэу си нэпсхэр къекIуами,
Зэрыхъунур сщIэрт пщIэншэ уадэ.
ЗыкъистIэу щIы хъурейр сыбгынами,
МакъкIэ сыгъыурэ сыIукIынурат - адэ...
Ди бжэщхьэIум цIыху къебэкъуауэ,
СщIэжтэкъым нэщхъкIэ уеуауэ,
Жэм дэхугьуэм къыпхуепсыхам,
Слъагъуу ней-нейуэ уеплъырт!...
Пщэдджыжь хьэщIэр гъэхьэщIэгъуафIэу
ДяпэкIэ къызжырамыIэ,
КъытхуэкIуам упщIи уси хэмылъу,
Къипхъуатэри ихьащ Хьэтэт и псэр.
Абы Iэжьэгъу сыхуэхъуну,
Дунейм Iэмал хуэзгьуэтакъым,
 Къурмэн хуэсщIынут си щхьэр,
Си анэм и гугъу къимыщIатэм,
МамэкIэ Хьэтэт семыджэу,
Жьы сыхъури пенсэм сыкIуат,
Си МАМЭР здэщыIэр къыхуэмыщIэу,
Псэхэхыр гугъу езгьэхьащ!
Иужь дакъикъэхэм «МАМЭ»,
ЛIыгьэ хэлъар слъэгъуащ,
ФIыт апхуэдэу сылIамэ,
Иужь дыдэу - дерс къызитащ.
ЗыгуэркIэ ажалыр къыслъыхъуэм,
ВжызоIэ си уэсятщ:
«Си пIэщхьагъым сытелIыкIыжым,
Лейуэ нэпс щIэвмыгъэкI».
                6.7.2013