СыщIыхьэнт

Абубакир Жемухов
ГъэпкIауэ сыкъэнащ,
ФокIэщIым шэр икIащ,
Си бийм и кIэкхъур щIичым,
Си хьэдэр ихуау аращ.
Къэнэжа си гъащIэр,
Мастэпэм тезэгъэнуми,
Къызобэ дэрэжэгъуэр,
ФIыу слъэгьуа сиIащ.
Хьэдрыхэ гъуэгу сыздэтетым.
Си щхьракъым згьейр,
- ФIылъэгъуныгъэ IумыщIауэ,
И дунейр IэщIыб зыщIынурщ…
Аузыр къигъэпсалъэу,
БдзамцIэшэр къок1 фокIэщIым,
ЩIэину къызогъанэ,
Чэщей – фIылъэгъуныгьэр!
СолъэIур уэрэд усым,
Гъыбзэм сыханыну,
И щIасу нытар си псэм,
Хуэзгъэгъукшм игъэгуIэм.
Дунейм къыщIэкIуэр цIыхухэр,
Сэ къызэзыгьэщIам,
Хэзмынуэ изопхыр,
ЦIыху сызэрыхъуар.
Зэзакъуэ джэрпэджэжу,
Зэхэсхыжатэм и цIэр,
Ажалыр зэзмыгъажьэу,
ШIы фIыцIэм сыщIыхьэнт.