Жокей

Абубакир Жемухов
Ей сышэсыуэ си чышым,
СещIэпщауэу сыщIэпхъуарэт,
«Мерсхэм» зэ сакъыдэжатэм,
СщIэуэ щIалэ сыхъужынут!
Бахъсэныжь и ныджэм,
Си шыр щызгъэхьэмкIэм,
Къупщхьэ зэрытыпIэ сиIэу сигугъакъым?
«Мерсу» дунейм тетыр,
Псори къызата нэхъ,
Зы махуэ къуэдей – щIалэ сыхъужарэт.
Жьыуэ сыкъалъхуауэ,
ЩыIэхэщ зигугъэ,
Абыхэм я пащхьэм,
Шыгъэджэгу щысщIынут.
МыупщIэрэ мыусэу жъыгъэ къысхуэкIуам,
ИмыщIу зыри хэдэ узхэр къызепэсыр,
Псори зэхуэсауэ,
ЩIопщкIэ сахэуатэм,
Жыжьэу къыспакIухьу,
Узхэр къезгъэнэнт,
Мыхъуми хъущхъуэ нэпIцIхэм,
ИтIанэ х у е й сыхъунтэкъым,
Пенсэу схуагъэувам,
И хъер гуэр слъагъунт.