Уд

Абубакир Жемухов
I
КъэпсэлъапIэм иту Гъуарэ,
Псэуныгъэм топсэлъыхъыр,
ЦIыхухэр лейуэ къыщIонакIэ,
Ар и гуащIэкIэ мэшхэжыр.
Ауэ ныбжьу мы дунейм,
Дауэ утетыну?
Арау жеIэ лыжь зыгъуэтхэм,
Зэзэмызэ щIадедзакъэр.
Дахэнагъуэ нэмыщIатэм,
КIуаращ Гъуарэ мыщIалэжьтэм,
Хьэкъыр *х у и х ь ы м къомэщIэкIри,
Фызым - щIым ирегъэдзакъэр.
ИIэ пэтрэ фоч зэгуэт,
Жэщ хъумакIуэу лIы хейр кIуэркъым,
ЕщIэр, тыншу мылъку уогъуэт,
Бюджет ахъшэм ухэуэфым…
Дахэнагъуэ пыръыу жейуэрэ,
Дахэ хъуащ пIырыпI гъэпщау,
Гъуарэщ мыгъуэр зи мыгъуар,
Пхыраш, Iэпщэхъу и Iэм къралъхьау?
Дахэнагъуэ уафэм докIыр,
ЛIы жыхуаIэм и гу цыкIау,
Сыбыр адэкI Гъуарэ кIуарэт,
Ахъшэ куэду къигъэнау.
II
Iуэху мыублэм хэс хьэщхупщыр,
ЩыпIыгъау жэщ псом пIэ щабэм,
Уи щхьэр псоуэ нэху укъекIрэ,
ГуфIэ, жейу укъыIэщIэкIым!
Xьэ епхар умыгъэбанэу,
Хамэ щIыпIэр пхузэнэкIым,
Уэ иджыри къэру уйIэу,
Уихьэжынщ гъэпщкIуау унапIэм.
Къэуц щхьэнтэм зыщызыгъафIэр,
Убгынам нэхъыфI уигугъэ,
Ар уэ хэтми фIыуэ уощIэр,
УмыщIарэт, джыдэ благъэ?
Си ныбжьэгъу Нэжби Тхьэ еIуэ,
Псори фызу хъуар зэшыпхъуу,
СхулъэмыкIыу сегъэдаIуэ,
Куэд тэмакъым тызогъахуэ.
Пщыжь-уэркъыжым и зэманым,
Гуащэхэм щIэсылI яIащ,
Сыт епщIэнур дунейр шэрхъым.
Зэман бзаджэм дыхалъхуащ.
Перестройкэм и Iэужьу,
ЦIыхухъу жыхуаIэр зы иIыскъым,
Жыжьэу тлъагьум гуащэ блэжу,
Iэ къытхущIым дыкIуэу арщ.
                2000