Тэрэзэ

Абубакир Жемухов
ФIымрэ Iеймрэ зэзыгъапщэм,
Тхьэм и гъащIэм къыхуэпищэ,
Ар дунейм хьэрэму теткъым,
ЦIыхунагъым екьуу пещэ!
ЦIыху Iэдэбхэм хуэмыфащэу,
Ещ гъунэжщ хьеуанкIэ,
КъыхуатIыжу я щхьэм мащэ,
Лейу йонахуэр – фIэлIыкI зиIэм,
ШэкIэрышэу зи пэгуным,
Ахъшэ куэдауэ къихъуахэм,
ШкIэм ишхын къыхущIамынэу,
КъаунэщIащ жэм шхуэлыр.
ЩэтIэгъуэблыр* зылъысахэм,
Хьэрэмыл ящIащ хуэмейуц,
Шэ щIэхуа ди деж къэсам,
Дэ дырокъу дигъэкъэкъейу?!
Ирикъуауэ дунейм тетхэм,
ЩIы хъурейр зэтраIыгъэ,
Ар яфэфIкъым фIым и бийхэм,
Iущу згъэIухэм – тогъэ.
Жэмыр зы гъэ бгъэуэ текIым,
НыбэхуэфIхэр дауэ хъуну?
ПэсщI щымыIэ сэ шей къарэм,
Шэджэныплъ** тедзауэ.

*ШэтIэгъуэбл – молоко, выдоенное напоследок.
**Шэджэныплъ – жареный на масле острый перец.