***

Абубакир Жемухов
               Си анэм деж
Махуэм цIыхур Iэуэлъауэм,
Ешау и пIэм йокIуэлIэж,
Сэ гъэпкIауэ сыкъэнауэ
КъысщыщIар жасым естхыж.
Анэр зыкIи си гукъейуэм
Лейуэ уеймылIалIэ-
Сыхэуатэми казнам
Лъэхъуэщыр си Iэрылъхьэт,
ЩыIэжау щытам цензурэ
Стхауэ хъуар къысхуинэжат;
"ЗэраIэтрэ" псыIудзэр-
ЗэрыбкIэ сыт ухуейми тедзэ.
Уеплъым умылъагъуу
ЦIыхухэм я гум хьэлъкъ етащ,
IункIыбзэ Iух зэмыщхьу,
Ахэм сэ къахуэзгъуэтынщ!
Анэ Iущым уи сэбэпкIэ
Сихуэхейщ дэуэгъу-былымкIэ;
Тхьэ пхузэIуэ сыкъикIакIэ,
ПщIыхыфI елъагъуу сожей
                жэщкIэ.
Сыбгъэсам унэжьей щIалэу,
Куэдым я губгъэн къэсхьат,
СимыгуащIэрэ-хьэрэму
Мылъку зэслъэфэлIат?
Сеныч дестэ имейуэ
ЖыIэж сядэм къышхуихьамэ,
Лъэщ сырохъур бегъымбарым,
Ар темыкIыу телъщ си напщIэм.
Псалъэм мылъку къыпахыу хабзэм,
Къэслъыхъуэнщ и хъер,
ФIыуэ слъагъу анэдэлъхубзэм,
КIыхь ирисщIыу и дунейр...
Хьэт дунейм куэд темытыжми
Сикъэнауэ сэ сыщыIэщ,
Жыгыр итурэ зэгуэр гъуэжм-
И нэхъыбэм дэжыфI иIэщ.
СымыIатэм дэрэжэгъуэ,
Алыф къысхужимитхъэнт,
Си мурадым си Iэр техуэм,
Хьэтэт уригуфIэнщ.
ПщIэнтIэпс къабзэр щIым еткIухым,
Гъавэр бэвыу батэ хабзэщ,
Зым и гуащIи сэ сэнцIкъым,
Куэду сиIэщ псалъэ-джатэ.
                2000 гъ.