Безответная любовь каб

Лана Кул
 

Сэ апхуэдизк1э си гум укъэк1ащи,
Къоувы1эр ар, бэуап1э игъуэтыжкъым
Уи теплэр мы си нэгум  къыщ1идзащи
Щоунк1ыф1ык1ыр си нэр, илъагъужкъым.

Си нэпсыр псы 1эрышэм хэлъэдащи
Къиуащ ар, и псыжап1эм дэзэгъэжкъым.
Си гущхьэр есыр, маф1э къыщ1энащи,
Ар псыми, нэпсми, яхуэгъэупщ1ы1ужкъым.

Сытуи мэф1эс гуащ1э лъагъуныгъэр,
Сэ сщ1эныр сщ1эркъым, дэнэ сыздэк1уэнур?
Нэсыпым хуэдэт уэри сыкъэплъагъутэм,
Мы си псэм уэ узэрилъагъум хуэдэу.

Сэ жэщхэм семызэгъ, си махуэр мак1уэр,
Уэ узмылъагъум, сыт сыщ1эпсэуныр?
Си нэху, си щауэ, уэ, си дыгъэ-мазэ,
Зы псэ къудамэ уэ си деж къэгъак1уэ.

Ар щхьэк1э, жэуапыншэщ лъагъуныгъэр
Сэ си1экъым 1эмал, сэ, гъын си нат1эщ.
Зэрызут1ыпщу т1эк1унит1э си псэр,
Си гущхьэм ущоджэгур сэпэхэт1э.