Мукожеву Анатолию

Роза Агоева
              Сымыщ1эххэу сэри махуэ гуэрым
              Си мурадхэр бгъэм щызэпычынщ..."
                Мыкъуэжь Анатолэ.

Дуней нэпц1ыр къэбгъэнэну къэсмэ уи чэзур,
Псэхужауэ щылъэтэжк1э уи псэр, ещхьу бзум,
Уэ къэлъатэ,си дэлъхушхуэ,зы сыхьэт си дей,
Сэлам гуапэ уэсхыжынущ, пхуэсщ1у ф1ыщ1э лей!

Уэрэ сэрэ зы л1эщ1ыгъуэщ дыкъызыхэк1ар,
Т1уми Пэжым дырил1ыщ1эу дыпсэун тлъэк1ащ.
напэ къабзэу дихьэжыну тф1эф1ти Тхьэм и нэгу,
Дытехьакъым,дыгужьейуэ, зэи Пц1ым и гъуэгу!

Иджы си1эщ гугъэ быдэ(ди гуэныхь ук1уэд):
Къыщ1эк1ынущ уи 1эдакъэм усэ дахэ куэд!!!