Мадинэ

Дина Багова
Ухуэдэщ уэ тхьэрыкъуэ щабэм,
Уи нитIыр уафэм къыхахащ,
Нур къилыдыкIыу, гущIэ хуабэм
Мы щIы хъурейр игъэнэхуащ.

Ухузогъадэ гъатхэ махуэм,
Уи дыгъэ щхьэцыр нэм полыд,
Щынэ Iу щабэу, анэ дахэу,
Дахэм я лейуэ тхьэIухуд.

Гъэмахуэ жэщым уривагъуэщ,
НабдзитIыр телъщ мазэ хъыринэу.
Мы гъащIэм уи цIэр ди шыхулъагъуэу,
ДогъафIэр ди псэкIэ, Мадинэ!

21.04.2015.