УкъеплъкIатэм

Абубакир Жемухов
                Зарема деж.
Зэзакъуэ си дежкIэ укъеплъэкIатэм,
Гъатхэр шы Iэдэжу уи деж къыпхуэсшэнт,
Жыг къэтIэпIын щIэзмыдзахэр,
Чэсейуэ хужьу къызщIэгъэгъэнт.
Уи нитIыр  дыгъэ нуру къыстеплъхьауэ
                къасщIэм,
СощIэр, шабзэшэу ар си гум къэкIуэнущ,
Абы нэхъ фэбжь ин къысхуэнам сыIумыщIэм,
Си напщIэм утелъу сыкъэпсэунущ,
Бийм и быдапIэр къэзыщтэну ещэм,
Нэхъапэ иту зызэщIеузадэ,
Куэдрэ къэхъукъым абы ар къемыхъулIэу,
Узыжэгъуэныр ерум хуэмейу дунейкIэ IуигъащIэ.
Лъагуажьэмыщхь, зизгъэхуау щIыхухэм сахэIуэм,
Ар къыщыхъуар уи пащхьэ нэхурщ,
ФIы лъагъуныгъэм сыщызэIурисхьэм,
"Шабзэшэ" къэкIуам-сынырикIуауэщ.
Бжьын блау дунейр хьэзабым иубыдащи,
ФIы лъагъуныгъэр щыхэтыр ящIэжкъым,
ГукIэ цIыхухэр къулейсыз хъуащи,
Нэхъыбэм я цIэмкэ уеджэм узэхахкъым.
ЕтIощIанэ лIэщIыгъуэм къарищIар яфIэмащIэу,
Ноби ахэр зэхуодзэлашхэ,
ЛъхуэнпIэн щагъэтыжым нэхъ къущагъащтэ.
Гъатхэ пынцIывым дэ тIур дызэрыщIэм,
Гъэр кIуэхукIэ дызыхуэсэбэпынущ,
А фи хадэшхуэм дызэгъусэу кIэртIоф хэдгъащIи,
Бжьыхьэм, къалащхьэм зэрапхъуэу щытщэнущ.
Зыгуэрым хэмызагъэр хуэмыхущ ди зэманым,
ХьэлъэIей семыIэми сэ сыпщхьэпэнущ,
Щэху иIэщ кIэртIофыр тэрэзу щэнми,
Сэ сы Зеикъуэщи, абы фIыу сыщыгъуазэщ.
Бизнесыр зэуIуу зэ къыдэхъулIэм,
Ар щIы хъурейм щызгъэIуфынущ.
Фи къуажэм кIэртIофыр мафIэгукIэ ирашу,
Ухуеймэ гъущI гъуэгу, абы ***згъэщIыфынущ!
                Гъатхэпэ мазэ, 2015 гъ.