Пэ къуаншэм и жэуап

Дина Багова
Хирург хэ1эбэу зи пэр захуэ
Езыгъэщ1ам зэ къызжи1ат:
"Мы уи пэ къуаншэр Тхьэ мыдахэ,
Мы пщыгъхэр модэми ик1ат".

Сэри бзаджагъэр симымащ1эт,
Мыхъумыщ1э гуэр къызжеп1э хъун?!
Сыкъеупщ1ащ: "Уакъылмащ1эм
Хэт и хирург сэбэп пхуэхъун?!"

3.11.2016.