ГъащIэм и мыхьэнэ

Дина Багова
Нэмыплъ изохыр щхьэхуимытым,
Зи гъащ1эр 1ейм хуэунэт1ам,
Зи хьэл 1уэнт1ар зыхуэмыубыдым,
Гупсысэ ф1ейхэм щ1игъэнам.

Пэ1эщ1э схуэхъу щ1эныгъэм 1элу
Псэемыблэжу бий хуэхъуа,
Тхьэшхуэм къыдбгъэдилъхьа акъылыр
Дуней хэк1уадэ зыгъэхъуа.

Сэламу щы1эм я нэхъ гуапэр
Зи гущ1эр нэхум хузогъэхь.
Зыхъумэжахэри я напэр,
Хъуапсап1э ф1ейхэм димыхьэх.

Гупсысэ къабзэхэри гъащ1эм
Мыхьэнэ дахэу хэзылъхьа,
Ныбжьэгъу, ди Тхьэм дызэ1уигъащ1эм,
Дунейр купщ1эншэу дымыхьа!

                23.12.2015.