Тхьэрыкъуэ

Дина Багова
Тхьэрыкъуэу уэгум къэплъэтыхьу,
Зыгуэрым мывэ къыпхуидзам,
Блэлъэт, ик1и утемыпыхьэ
Дамэ лъэныкъуэ икъутам.
Псэ зы1ухам зэ къиубжьытхэм
Зэй и лъэужьым уимыхьэж
Зомыгъэубыду пык1 а къунтхым.
Бдзэжьей щхьэхуиту хым хыхьэж. 



3.11.2017