Семигъэпуд За непутёвость не суди

Абубакир Жемухов
                Сокъур С. деж.
ФIыщ баш нэхъ хьэлъэ къуумыIэту,
Уи тIрощэу ныбжькIэ упсэуну,
Уи унэр тажыу зэтету,
Уи лъэпкънм уардэу уахэсыну.
Мыщафэр илъу унэ лъэгум,
Абы сыт хуэдэ утетыну,
КъыщIэбгъэхьэжу блэкIар нэгум,
ЩIымахуэу удэсыну "жьэгум"...

Уэ пхуэдэу, куэдым, нобэ
                заужьащ,
Хэт уэ узыфIэIуэхур,
ИгъащIэм щыIэщ щIыху зэхэгъэж,
Йомыгъыхьэ зыри уи щхьэм?!
Яхырет цIыхухэм зызылIэж -
Уэ къохъулIар ягъейу,
Къихэпха гъуэгум уэ хуэпэж,
Ущымышинэ зым и ней.

Уи напIэр зэрызэеплIпIэу
Псори къанэжынущ,
Ефэндым, уигъэпскIынурэ:
ЩIы фIищIэм ущIаIунущ.
Уи жэнэзым къэкIуахэр,
Дыреплъэ уи дурэшхэм,
Абыхэм псоми зыщ жаIэнур,
"Щхьэ фIэтнуэ псэуащ щIалэжьыр".

Сэ, япэ ещщрэ укъихьэмэ си лъахэм,
Умыгъэпуд си псэукIар
Сэ сыкъыдэхуакъым тхэныим,
ЗэманкIэ сыхуэзэри щыщыIарщ
                тхьэкIумэ Iувхэр:
Аращ хъерыншэ сыщIэхъуар.

ДэкIрэ тэлай -
ТхьэкIумэ жан къэунэхум,
Си IэдакъэщIэкIхэм ар хыреплъэ,
ЖиIэнкIэ хъунщ абы:
- "Дунейм, - Жэмыхъуэр ныбжьу темыта"!