Уи лIыгъэм псори дропагэ!

Тимур Катинов
В Бразилии мир весь восхитил,
И миллионы покорил.
Ты в схватке честно победил,
И никому не уступил...

Яхэлъу лIыгъэ тетщ дунейм,
ЛIыхъужь зыбжанэ Къэбэрдейм.
Ящыщщ абыхэм щIалэ бланэ -
Джуэдухэ я къуэ псом ялей!
Нэмыс уэ пхэлъу уагъэсащ,
Ди къуэш, уэ уи цIэр фIыкIэ Iуащ.
Ислъам гъуэгу дахэм уэ утетщ,
Къару Алыхьым къуэш уэ къует.
Уэ лIыгъэ пхэлъу убэнащ,
Зэхьэзехуэшхуэм ухэтащ.
Мы щIы хъурейм укъацIыхуащ,
Уи лъэпкъэгъу куэди бгъэгуфIащ.
Ди къуэш, сэ нобэ сынохъуэхъу,
Алыхьым уэ уригъэфIакIуэ.
Уэ у цIыху бланэщ, уэ у хахуэщ,
Ирехъу уи гъащIэри нэхъ кIыхь.
ЗэикI, Аниуар, умынэщхъей,
Уэ уи щхьэр лъагэу дэIэтей.
Уи лIыгъэм псори дропагэ,
Уи гъащIэр, къуэш, псом дежкIи щапхъэщ.
Уэ Тхьэм и нэфIыр къыпщыхуащ,
БэнакIуэ лъэщи уэ ухъуащ.
ЖебгъэIэу хьет утетщ дунейм.
Ирехъу нэхъ дахэ уи пщэдейр!