Сэ сф1эф1щ

Кипова Лена
Ц1ыху дахэр сф1эф1щ,
Си анэм изогъэщхьри.
Ц1ыху щабэр сф1эф1щ,
Си адэм ещхьщи ар.
Гумащ1эр сф1эф1щ,
Сэ къыдалъхуахэм ещхьщи,
Ц1ыху нэжэгужэр сф1эф1щ,
Сэ зызогъэщхьри ар.
Сэ 1эф1ыр сф1эф1щ,
Ар быным ещхьу 1эф1щи,
Къыпкъуэтыр сф1эф1щ,
Щхьэгъусэм хуэдэщ ар.
Сэ сф1эф1щ ц1ыху пэжыр-
Жи1ащ псалъэм тетыр,
Ар изогъэщхьри ныбжьэгъу схуэпэжам.
Сэ сф1эф1къым жи1а псалъэм темытыжыр,
Жыпым 1эшт1ым щызыщ1ыр
Сф1эф1къым сэ.
Сэ сф1эф1щ гуф1эгъуэр,
Дахэр, мамырыгъэр,
А псори зыф1эф1 ц1ыхур
Сощ1ыр гъэр. Ни