См щ1ыналъэ

Кипова Лена
Ф1ыуэ узолъагъу, си щ1ып1э дахэ,
Си бзэ дахэ, ф1ыуэ узолъагъу!
Уи уэрэдым си гур ещ1ыр махэ,
Бгышхуэр адэ сыплъэмэ  солъагъу.

Псыр йожэхыр, хуэмурэ 1ущащэу,
Ц1ык1ухэм емызэшу зыщагъэпск1.
Жьыбгъэри мэзышхуэм щопэщащэ,
Дыгъэри дэхащ1эурэ къыщ1ок1.

Си щ1ыналъэ, псом нэхъ унэхъ гуапэщ,
Уэрэд дахэр бзухэм къыпхураш.
Сэ пщэдджыжьым псом нэхърэ нэхъапэ
Сыкъотэджри  1эпл1э ныпхузощ1.

Ныбжьэгъуф1хэр уэращ къызэзытыр,
Уи губгъуэшхуэм дэ топ дыщоджэгу.
Сэ си Хэку, уэращ сэ дамэу стетыр,
Уи ц1эр къис1уэмэ, сэ хохъуэ сигу.

Зэи, си си Хэку, ухыф1эздзэнкъым,
Узигъусэу сэ си гъащ1эр схьынщ.
Уэ уи жагъуэ къащ1уи сэ здэнкъым,
Уи ц1эр дэнэ сык1уэми здэсхьынщ.