Гъуэгущхьибл на кабардинском

Кипова Лена
Гъуэгущхьиблым ущытщ я щ1эдзап1эм,
Пщ1эркъым уэ, дэтхэнэр гъуэгу пхуэхъун?
Хъун дэтхэнэр уэрк1э насып к1уап1э?
Е дэтхэнэм уэ ущык1уэдын?!

Я дэтхэнэми узы1эпешэ,
Я щ1эдзап1эр псоми нэгузыужьщ.
Ауэ атк1э  гъуэгум узыхуишэр
Пщ1эркъым, плъагъукъым зыми и лъэужь.

Гъуэгу къыхэпхыр захуэу, нэхуу пщ1амэ,
Уэ абык1э занщ1эу быунэт1ынт.
Псоми зэщхьу я щ1эдзап1эр дахэщ,
Уоджэрэз, умыщ1эу къыхэпхын.

Уэ гъуэгу тыншым узы1эпишамэ,
Дауик1, уэ ухуейкъым къэбгъэзэн.
Ауэ тыншыр пхэнжу къыщ1эк1амэ,
Зылъэгъэк1 уэ, ***йщ къэгъэзэжын.

Умыгугъэ гъуэгу 1ейм зихъуэжыну,
Ф1ым зыкъыхуэбгъазэмэ нэхъыф1щ.
Умыгугъэ банэр гъэгъэжыну,
Псори дызылъыхъуэр дэ гъуэгуф1щ.

Щ1ым хэтсамэ,ф1ыгъуэр къыщ1этхыфу,
Удз гъэгъа къыщык1ыу тек1утау.
Узыхуейр а гъуэгум щыбгъуэтыфу,
Узэплъэк1мэ, дахэу гъуэгу къэпк1уар.

Жыжьэ дыдэ уэ унэмысамэ,
Хъунумэ иджыри къэбгъэзэж.
Къэбгъэзэну уигу уэ илъыххамэ,
Къэгъэзэжи ф1ык1э гъуэгур хъуэж!
апр, 2019гъ