Гум и щэху на кабардинском

Кипова Лена
Вагъуэ дапщэ уафэм щыблэр?
Зыми ар имыбжыфа.
Щэхур зыщыпсэу уи гущ1эм
И бжэр зым 1уимыхыфа.

Вагъуэм нурыр къыпощэщыр,
Зэщ1иц1алэу дуней псор.
Гум макъамэр къе1ущэщыр,
Уэращ си гум сэ щыпсэур.

Уафэм зыри дэк1уеякъым,
Вагъуэм 1э лъэмы1эса!
Мы си гущ1эм зы нэсакъым,
Схъумэу ар си гъащ1эр схьащ.

Нэхур мэщри зэрызыххэу
Вагъуэ ц1ык1ухэр мэк1уэдыж.
Мы си гущ1эм илъа щэхур
Маф1э лыгъэми сф1есыж.

Пщэдей жэщи семызэшу
Вагъуэ ц1ык1ухэм сывэжьэнщ.
Си гум щызгъэпщк1уари жыжьэу
Жэщ зэрыхъууи къежьэнщ.

Псоми ди1эщ гъэт1ылъып1эр-
Дэ ди щэхур  щыгъэпщк1уар.
Ди гум и бжэм къытоу1уэ
Жэщым, арщ ар ***т щыхъуар.
Июнь, 2019гъ