Аф1эк1 укъэмык1уэ. на кабардинском

Кипова Лена
Къытеу1уащ щхьэгъубжэм си блэк1ар,
Къытеу1уащ ар хуэму, щтэ1эщтаблэу.
Ар сыту п1эрэ сэ къыщ1ысхуэк1уар?
Сыт хуэдэ псалъэу п1эрэ ар зыпэплъэр?

Зы зыхэзмыхыу сэ зызущэхун?
Е хуэфэщэну сэ жэуап естын?
А къысхуэк1уам сэ дауэ зыхуэсщ1ын?
Е сигу згъэзагъэу жэуап гуэр естын?

Зыгуэр къыщызгъэнамэ зэман жыжьэм,
Ар сэ сигъэгуф1эну къихьыжа?
Е къэзгъэна абы зыгуэр къызэжьэу?
Сыт ар гузавэу сэ къыщ1ысхуэк1уар?

Сыт, си блэк1а, къызже1э, къызэупщ1,
Зыгуэрым сэ и жагъуэ сщ1ау щытат?
Жыс1эн хуэмейуэ псалъэ сэ жыс1ат?
Е жызмы1эфу сэ зыгуэр къэнат?

Сощ1эж зыкъоми, ауэ ещхьщ мо пшагъуэм,
Жыс1ами, си блэк1а, умыщ1 уи жагъуэ.
Жыс1ами, гукъэк1ыжхэр ищ1у фагъуэ,
Уи деж нэк1уэну щы1экъым зы лъагъуэ.

Адэ ук1уэжмэ уэ ясхуже1эж
Зыгуэрым сэ жес1амэ  псалъэ гуауэ,
Яже1э, сэ абы сыхущ1огъуэж,
Сощ1эжыр сэ а гуауэр зыжес1ари.

Аф1эк1 укъысхуэмык1уэ, си блэк1а,
Укъак1уэу сэ си жейри умыкъутэ.
Куэд щ1ауэ, си блэк1а, уэ ублэк1ащ,
Укъытеу1уэу бжэри умыкъутэ.

Июль, 2019гъ