Си гур згъэжеинт на кабардинском

Кипова Лена
Слъэк1амэ сыщ1эпщхьэнт сэ мо щ1ы щ1агъым,
Сигу къиузык1ыр абы щызгъэпщк1унт.
Хьэуэ, сыхуейкъым дунейм сехыжыну,
Ауэ сыхуейт зы т1эк1у зызгъэпсэхун.

Е губгъуэм сэ сихьэнти гур згъэт1ысу,
Дунейр къэзгъаджэу си макъ къэзгъэ1унт.
Зы т1эк1унит1э си гур згъэт1ысынти,
Си щ1ык1еягъыр схуигъэгъуну Тхьэм сэ селъэ1унт.

Къару зыхэмылъыжу си 1эпкълъэпкъыр
Хуэм дыдэурэ удз щабэм хэщэтэнт.
Къарууэ си1эр зэ зыхэслъхьэжынти,
Къыхэщэ1ук1ми, си гур згъэжеинт.

Сэ сабий ц1ык1ум ещхьу зысшыхьынти,
Удз щхъуант1эр сэ шхы1эну зытесп1энт.
Гъащ1э сф1эхьэлъэу сэ сыхэзыгъащ1эм
И 1эф1агъ псори зэхуэсхьэсыжынт.

Пщ1ыхьэп1э 1ей слъэгъуа хуэдэ сыщтауэ
Зы нап1эзып1эм сэ зыкъэсщ1эжынт.
Сыхэзыгъащ1эр езгъэзынт лъэныкъуи
Сигу езэшам хьэуа жьэдэсшэжынт.

Июль, 2019гъ н