Псори хэтщ ди гъащ1эм на кабардинском

Кипова Лена
Ц1ыху пц1ыупс,и псалъэр псыежэхыу,
Уеплъмэ къабзэу, ущ1эплъамэ, ф1ейуэ.
Къэбгъэутхъуэм, ф1ейр къыдрихьейуэ,
Зы1уплъхьэ мыхъуу, сытк1и ефэгъуейуэ.

Ц1ыху 1ужажэ,псоми як1элъыжэу,
Къежыхь 1уфэр, емык1у имыщ1эжу.
Угузавэм абы "щохъур щхьэжэ",
Зыбгъэзамэ, иринэжэгужэщ.

Пэжу, гуапэу ц1ыху ди1эщ гъунэжу,
Ц1ыхум лей къытехьэм, щыхъуу щхьэжэ.
Мылъку емылъытауэ къыпхуэпэжу,
Уелъэ1уамэ, ар псэемыблэжу.

Псоми уащыхуозэ гъащ1э гъуэгум,
Зыми дремыщхь къытщохъу, догугъэ.
Пц1ыупсыгъэ, 1ужэжэн,пэжыгъэ-
Псори хэтщ ди гъащ1эм, фимыгугъэ.

Щикъухьащ а псор ди гъащ1эм куэду,
Зэми къыпщагъэхъуу гъащ1эр пуду.
1ейри ф1ыри къуэлъщ ди къуэгъэнап1эм,
Дауэ мыхъуми, дэ ди гъащ1эр лъап1эщ.

1уэхум нэхъ къезэгъыр къызолъыхъуэ,
(Хэтми хэлъщ ар зык1и къимылъыхъуэу).
Псори хэтщ ди гъащ1эм, мыхъу арыншэу,
Уримыхъумэ уэ аращ напэншэ.

Август, 2019 гъ