Сэрыншэу дауэ упсэуа? на кабардинском

Кипова Лена
Уэ дауэ утета дунейм
Иджыри къэс сэрыншэу.
Тетыфкъым ц1ыхур щ1ы хъурейм
Зэи лъагъуныгъэншэу.

Иджыри къэс уэ упсэуащ
Си макъыр зэхомыхыу.
Сэрыншэу уэ уи гъащ1эр пхьащ,
Зэи си ф1эщ схуэмыхъуу.

Жьыбгъэм сытесу сынэк1уат,
Ауэ сызэхэпщ1акъым.
Уи псы 1убыгъуэм сыхэсат,
Ари нэхъ 1эф1 пщыхъуакъым.

"Иджыри ф1ыуэ узолъагъу! "-
Бжес1ащ сэ сы1ущащэу,
Къыпф1эщ1у псори уэ къыпщыхъу
Къэплъахэщ нэхэр п1ащ1эу.

" Сэри уэ ф1ыуэ узолъагъу! "-
Уэ щэхуу уо1ущащэ.
Сощ1эж жьыбгъэ къысте1эбар,
Си щ1ыфэм къедэхащ1эу.

А псы 1убыгъуэри сощ1эж,
И 1эф1ыр зым емыщхьу,
Хъуат а 1убыгъуэр псэхэлъхьэж,
Си гъащ1эм псэ къыхилъхьэу.

Зы псалъэ закъуэм гъащ1э псор
Пеупщ1 е къыпхупещэ.
Псалъищт сызэжьэу сыщ1эпсэур :
"Уэ узолъагъур ф1ыщэу! ".

А псалъэхэр жомы1эфа,
Сэ сщ1эртэкъым узэжьэр.
Ежьэным сэ сигъэгубжьат,
Сык1элъык1уащ къызэжьэм.

Фи псалъэ дахэм фыщымысхь,
Фи гущ1эм ар щ1эвмылъхьэ.
Хьэуэ, ар ифлъхьэ, ар ивгъэлъ,
Фи псалъи фыщымысхьу.

Фи лъагъуныгъэм фыщ1эбэн,
Евмыт нэгъуэщ1ым тыншу.
Дапхуэдэми насып вгъуэтынщ,
Ауэ лъагъуныгъэншэу!

Август, 2019 гъ