Вжызо1э, щы1эщ лъагъуныгъэ! на кабардинском

Кипова Лена
Щы1экъым, жа1э, лъагъуныгъэ,
Зы ц1ыхур ц1ыхум есэуращ.
Еухыр гъуэгур лъагъуныгъэм,
Арыншэу уэ упсэууэращ.

Щы1экъым, жа1э, лъагъуныгъэ,
Ар пэжкъым, пц1ыщ,
Фи ф1эщ фымыщ1.
Уи гъусэщ ар уэ упсэухук1э,
Адрей гухэлъхэми емыщхь.

Уи щы1эныгъэр, уи бэуэк1эр
Зыхэсщ1эу сытегъэт дунейм.
Сыхуейкъым сэ слъагъуну и к1эр,
Ухуейм п1эм хэлъ, схуэпсэу къудей.

Уэ псалъэ дахэ жомы1эжу,
Упыгуф1ык1ыу укъызоплъ.
Уэ сабий ц1ык1ум ещхь уохъужри,
Зэми а уи гур уэ къысхуоплъ.

Сыт пхуэсщ1эфынур, си дуней?
Уи ф1эщ щ1ы, 1эмал лъэпкъ симы1э.
Уэ ухъужыну сэ сыхуейт,
Сэ слъэк1ыр зыщ, с1ыгъынщ сэ уи 1эр.

Узмыгъэджалэу ус1ыгъынщ,
Си псалъэ дахэ зэхозгъэхыу.
Сэ сыпсэухук1и услъагъунщ,
Нэгъуэщ1ым жа1эр зыхэзмыхыу.

Сыт-т1э си гъащ1эр сэ гугъуам?
Гугъу емыхьа фэ сывгъэлъагъут!
Гуф1эгъуэ куэди сэ слъэгъуащ,
Зэгуэр зыгуэр си жагъуэ хъуами.

Сыхуейкъым псори къезбжэк1ын,
Уэ умыджалэ, уэ зы1ыгъ.
Сэ сыпсэухук1э сыпщ1ыгъунщ,
Си дежк1э нобэ хъуами гугъу.

Вжызо1э, щы1эщ лъагъуныгъэ,
Адэ фи гущ1эм ар щопсэу.
Ар фхъумэ, фэ фымыщ1 и жагъуэ,
Зы1ыгъыр арщ мы дуней псор!!!

Август, 2019 гъ