Къызже1эт, сигу! на кабардинском

Кипова Лена
Сыхуейщ, си гъащ1э, уэ сынопсэлъэну,
Си гум илъ псори уэ ныпхуэс1уэтэну.
Си гур щ1эгуф1эр, си гур щ1эгузавэр,
Сытым сыхуей, сытым зыщысхъумэну?

Сыкъэгъэгугъэ уэри къызжеп1эну,
Дэтхэнэ ц1ыхум сэ зыщызгъэпщк1ун?
Сыщыгузавэм хэт сэ сежэл1эну?
Гу зэ1ухак1э хэт сэ сыпежьэн?

Дэтхэнэм фиблыр телъ зэхэзэрыхьу?
Езыр хэзэрыхьыжу зэрехъуэк1.
Дэтхэнэм уэ уи щхьэфэр хуэбгъэт1ылъми,
Пхуэмыщ1у арэзы ухиутэн?

Дэтхэнэр уи гу къабзэм ф1эк1 мылъыхъуэр?
Уи псэ хьэлэл, уи дахэ ф1эк1 хуэмейр?
Уи деж къэк1уауэ мылъку къэзымылъыхъуэр?
Уэ уи гуапагъэ ***йуэ аркъудейр?

Си сигуми, къызже1э, хэт къилъыхъуэр?
Си псалъэ дахэ хэту п1эрэ ***йр?
А ф1ыри 1ейри сэри зэблызохъур,
Уэ узыхуейри, гъащ1э, къэщ1эгъуейщ.

1ей зыхуэныкъуэм сэ 1ей изотыфыр,
Абы и хущхъуэщ ар, арыншэу мыхъу.
Дахэрщ нэхъ дахэу мы дунейм тетыфыр,
Абы хуэныкъуэр, сощ1э, нэхъ куэд мэхъу.

Сэри узот, си гъащ1э, си нэхъ дахэр,
Уэри нэхъыф1ыр,ущымысхь, къызэт.
Зэгъусэу ди дунейр дыгъэгъэдахэ,
Уэ угъусэф1щ, солъэ1у, дызэкъуэгъэт!

Сентябрь, 2019 гъ