Джэду ц1ык1у

Мадина Ахматова
Ныбжьэгъу ц1ыху сэ си1эщ - Джэду джэгурей,
Лъабэ щабэ и1эщ
Ик1и нэ хъурейщ.
 
"Нау", - жи1эу къызоджэ,
Си к1эм ар имык1.
"Тыхъ, ск1эрык1", - жызо1э,
Ауэ ск1эрымык1.

"Сыт ухуей, си кущэ,
Си псэ, сыт ухуей?"
"Нау, къызэдахащ1э,
Кхъы1э, укъысхуейм..."

Джэду ц1ык1унит1э,
Iэ сэ уэ бдэслъэнщ,
Щ1эбукъуанц1эу нит1ыр,
Iэф1у ужеинщ.