Ей жыIакIуэ

Абубакир Жемухов
Ей жыIакIуэ, щыт нэхъ Iущу,
Уи жьэм къоплъ цIыху куэд,
Ущымыту нашэкъашэу -
Бэм уэздыгъэу яхуэлыд.

Ныкъусэн и бэу, куэду гъащIэм,
Зэман хьуау къокIуэкI,
Бжыгъэ яIэкъым гунэщIым -
БлэкIам куэд хуоплъэкI.

Узмыхьынум зэмыгъэхьу,
Ахэр нэкIэ зэгъэлъагъу,
ЖьэкIэ пэжыр сэтей къэщIи -
Яхуэхъуф - дэIэпыкъуэгъу!

Шыгур здэжэм зым укъикIыу,
Дау адрейм укIуэнт,
Социализмэм шыр щIатIыкIри,
Куэд гъэпкIау утыку къинащ.

А блэкIам къэгъазэ иIэу,
ЯжомыIэ цIыхухэм,
Куэд бощIэж, щыIащ мыдаIуэ, -
Иджы, яIэпэм йодзэкъэх...

Ерууэ, уафэм къахуэхам -
Куэд зэфIэгъэкIуэд,
ЗызмыIэжьэу сэтум хыхьэм,
Лыжь ишхыну игъуэтынщ.

Ей жыIакIуэ, бэм и вагъуэ,
Къет жэкъуахэм гугъэ,
IэнатIэ мыгъуэ Iуувахэр -
Хуэхей уфIэщI - быдагъэ.
                2000 гъ.