Уэс Дадэ

Мадина Ахматова
Гъэр щыщ1идзэ япэ махуэм
Сэ Уэс Дадэм къысхуихьащ
Ину къупщхьэ гуащэ дахэ,
Сигу ар занщIэу ирихьащ.

Инэ щхъуантIэр уафэм хуэдэщ,
И щхьэц кIыхьыри сырыхущ,
ХузощI гуащэм IэплIэ быдэу, -
Мис иджы ар хъуащ сишыпхъу.

ЗызгъэщIагъуэу сыдоджэгур,
ХузотхьэщIыр напэр...
Нос и бостеикIэр лъэгум -
Егъэлъэпырапэ...