Си псэм зегъэпсэхур

Мадина Ахматова
Си псэм зегъэпсэхур
уи псэм IущIэм,
Гъунэгъу хуэсщIым,
напIэзыпIэу сIэщIэкIынщ,
Закъуэныгъэм
и гукъеуэр зыщIэм,
Шэч хэмылъу
сызыхищIыкIынщ.
Гури хуохъур
псэм дэIэпыкъуэгъу,
Зы мэхъужыри,
си Iэпкълъэпкъым хуокIыр,
СиIэкъым иджы сэ
гуныкъуэгъуэ,
Гъатхэ удзу губгъуэм сыкъыщокIыр.