Хъуэхъу

Мадина Ахматова
Гъатхэ мазэм и зы махуэр
Ц1ыхубз псоми ягъэлъап1э,
Сф1эф1у сэри, анэ дахэ,
Сынохъуэхъур гуапэу:
"Узыншагъэ уэ уикуэду
Укъытщхьэщытыну,
Насып защ1эу гъащ1э гъуэгур
Дунейм утетыну,
Адэ лъап1эу ди нэ-ди псэр,
Къыпк1эрымыхуну,
Фызэхъуапсэм фи 1эр нэсу
Фызыдэпсэуну!"