Хэкум и хъумак1уэ офицер щ1алэм

Мадина Гошокова-Джумаева
Хэку хъумак1уэ офицер!
Бгырыс уардэ - адыгэл1!
Лъэпкъ дэмыгъэм иригушхуэу,
Гъуэгугъэлъагъуэ командир!
Дыщэ-вагъуэу нурхэдык1хэр
Дамэтелъхэщ. Толыдык1!
Адыгагъэм урибжьыф1эу,
1уащхьэмахуэ уигу имык1.

Хэкужь къуршхэм къыпхалъхьауэ
Угъэсак1уэ тэмакък1ыхьщ.
Лъэпкъыжь хабзэм урипагэу
Уи щ1ыхь лъагэщ! Шыкур Аллыхь!
"Пщ1эи нэмыси къытенэнкъым",
Жа1э -"Командир лъэрыхьщ!
Шыф1ым хуэдэу ар ц1эры1уэу
Щ1алэ дахэ-псыгъуэ к1ыхьщ".

Адэжь лъахэм ухуэпэжщи,
Блэжь 1уэхугъуэхэр мык1уэд!
Щапхъэ къыптезыхыр куэдщи,
Мамыр дыгъэр къыпхуолыд!
Узыншагъэр пхухъу лъэнк1ап1э,
Тхуэбгъэлъап1эу диф1 тхуэпсэу!
Уи ц1эм лъэпкъыр ирилъап1эу,
Куэдрэ Тхьэм утхуигъэпсэу!

12.02.2020гъ
@Гъуэщокъуэ Мадина

Усэхэр зэхэлъхьа, ухуа зэрыхъуа щ1ык1эм и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэр ди бзэ дахэращ!
Абы къинэмыщ1ауэ, фи нэмыс нэхъ лъагэ ухъу, мыбы еджэ си щ1эджык1ак1уэхэм, си щ1алэ нэхъыжьыр офицерщ! Бытырбыху дэт маршэл Будённэм и военнэ академиер (связи) къиухащ. Си къуэри, си нысэри, си къуэрылъху ц1ык1ухэри хамэ лъэпкъхэм яхэту щопсэухэ. Чита илъэситхук1э къулыкъу щищ1а нэужь, Буйнакск щыпидзэжащ къулыкъущ1эныр. Иф1 ира1уэ зэпытщи слъэк1акъым сыхуэмыусэн.