Си анэшхуэ

Мадина Гошокова-Джумаева
Пщэдджыжь дыгъэпсыр къызэдэхащ1эу,
Си анэшхуэ, нобэ сигу укъегъэк1.
Щэхуу, бзэ 1эф1к1э дызэ1ущащэу,
Сыночэнджэщу нэху сыкъыбдок1.

Зэзгъэц1ыхун схущ1ыхьакъым, си Нанэ,
Дэн-бзэным бзыпхъэу к1элъызепхьар.
Сыноупщ1ынут къыздипхым, си Нанэ,
Щ1ымахуэ п1астэм къыгуэплъхьэ лы гъуар.

Нобэр къыздэсым уи тезэч щ1акхъуэм,
Къыпих мэ 1эф1ыр мы си 1ум итщ.
Дыщэ 1уданэк1э хэбдык1а щ1ак1уэм,
Хужь цейм, хуэразэм уи нурыр щхьэщытщ.            

Адыгэ пшынэр уи куэщ1ым итмэ,
Къришт гущ1ыхьэу «ИСТАМБЫЛ ГЪУЭГУ».
Пидзэжти гъыбзэр, Хэку зауэ гуащ1эм,
Т1иха адэшхуэм хуэгу1эу хуэгъуэгт.

Си Нанэ дыщэу, Сэтэней гуащэ!
Мусылмэн диным ухуэпэжащ.
Бегъымбар лъап1эм и щэлэуатк1э,
Уи дуней пэжым уек1уэл1эжащ!

Згъаф1эу согъажэ уи нэмэз щыгъэр!
Ар хабзэ дахэу къытхуэбгъэнащ.
Къысщохъу уафэгум щылыд уэздыгъэр,
Нанэ, уэр щхьэк1э щыпагъэна!


30.05.2020гъ
@Гъуэщокъуэ Мадина


Къур1эн молэ ЖУМАЙХЭ НАГЪУЭ - си анэшхуэм и фэеплъу