Анэшхуэм и чэнджэщхэр

Мадина Гошокова-Джумаева
Нэхулъэм щ1ым зырешэк1ри,
Махуэщ1эр гуапэу къоуш.
Зэман блэк1ахэр зэпачри,
Гупщысэхэр къагъэуш.

Си гъуджэу, мы си гум къе1усэу,
Вагъуэщ1эу уи нит1ым сыкъощ.
Ди Анэш мамэ, сыусэу,
Пхуэс1эту пшынэбзэр къызош.

Гъащ1эм щыз щищ1у гуэпагъэр,
Уи унэ жьэгу абгъуэм и щ1агът.
Сощ1эж, чэнджэщыф1хэр губзыгъэу,
Къысхэплъхьэт къыпэк1уэу 1ущагъ:

«Зэик1 умп1ащ1э, си гупсэ.
Зэгъащ1э - былымыр уэсэпсщ!
Сабырым и щ1агъым, си т1асэ,
Дыжьынхэр, дыщэхэр щ1эзщ!»

Уи 1энэр зэтету шыгъу - п1астэу,
Уи хьэщ1эм папщ1э хьэзырт.
Ху*ей хъуамэ, щхьэм щ1эмып1астхъэу,
Къыпкъуэк1т мэрэмысэ - лы гъур.

Къэлмыкъ бжьэхуцыр зи 1эпэ,
Шэ тхъурымбэр зи нэк1у.
Зи набдзэк1ит1ыр пц1ащхъуэк1э,
1эзэгъуэу удз хущхъуэр зи 1эгу!

Уи куэщ1ым сыкъихъук1ами,
Уэр щхьэк1э зызмыгъэнщ1а.
Уи бзыпхъэ дахэ къэнамк1э,
Ди бынхэм я фащэр гъэнщ1ащ.

Хабзэ - бзыпхъуэу зепхьахэм,
И псапэр Тхьэм къыуитыж!
Сыт щыгъуи уи чэнджэщыф1хэр,
Гъуэгу захуэм дигу къегъэк1ыж:               

«Зэик1 фымып1ащ1э щ1эблэщ1эр!
Зэвгъащ1э - былымыр уэсэпсщ!
Сабырым и щ1агъым щ1эращ1эу,
Дыщэ мэкъамэхэр щ1эзщ!»

05.06.2020гъ

@Мадина Гошокова